Брат Мурат - Дуней хьэху. Усэбэ
- Название:Дуней хьэху. Усэбэ
- Автор:
- Жанр:
- Издательство:неизвестно
- Год:неизвестен
- ISBN:9785449056559
- Рейтинг:
- Избранное:Добавить в избранное
-
Отзывы:
-
Ваша оценка:
Брат Мурат - Дуней хьэху. Усэбэ краткое содержание
Дуней хьэху. Усэбэ - читать онлайн бесплатно ознакомительный отрывок
Интервал:
Закладка:
(1уэры1уатэм щыщ)
Гъуэтыж и шу зэшхэм жэщк1э уахъумэурэ, уей,
Шокъуэ, Къурэмбий, БийщIэс, ЩIэмыкI,
КIэсыж ижьырабгъумк1э, уей, ри,
Мэлыкъу, КъуапапцIэ, ЦIэрымыIу, МыIумыш,
ШуцIыкIу уи сэмэгумк1э, уей, ри,
Псэхъумэ хущхъуэу 1уащхьэмахуэ унысхудахти,
Псэтхьэ и маф1элыгъейм дызэхисыхьыурэ, уей,
Ди псэхэр игъэтк1ути,
Тлэпщ и к1ыщ уадэмк1э къыддэдэхащ1эурэ, уей,
Ди псэхэр зэхигъэжыхьти,
Гъуэтыж и шу зэшхэм уахъумэурэ, уей,
Шокъуэ, Къурэмбий, БийщIэс, ЩIэмыкI,
КIэсыж ижьырабгъумк1э, уей, ри,
Мэлыкъу, КъуапапцIэ, ЦIэрымыIу, МыIумыш,
ШуцIыкIу уи сэмэгумк1э, уей, ри,
Хьэуам урагъэуурэ 1уащхьэмахуэ укъырахьэхыжти,
Гъуэтыж и шу зэшхэм къыпхуэсакъыпэурэ, уей,
Ди унэжь ц1ык1ум укъысхуахьыжти,
Пщэджыжь дыгъэм дыпэджэурэ, уей,
Т1ур зы псэ хъуауэ дыкъэбэужт!
Мэлъатэ…
Мэлъатэ, мэлъатэ,
къырухэр мэлъатэ,
Къырухэм я гъыбзэм
уэфэгур ебзытэ,
Хэку махуэ ябгынэм
къыхуэнэ гукъанэм
Уафэгур требзык1ри
щ1ыр пц1анэу къегъанэ…
Мэлъатэ, мэлъатэ,
гукъеуэр я1уатэ,
Уар дамэк1э язри,
хьэрш жыжьэм холъатэ.
Я гъыбзэ гукъутэр
гум хуэшу хуолъадэ,
Ди плъэгъуэр ирахри
щ1ы нэзым док1уадэ…
Къырухэу ди псэгъухэм
ира1уэр ди гъыбзэр,
Лыджанэ къырухэм
ди гук1эр ягъабзэр.
Къытпэплъэ ди тхьэгъухэм
хуагуэшыр ди плъэгъуэр —
Я щ1ыбымк1э щапхъэу
къэлыбу уэгу лъагъуэр…
Псэбыдэ
Уэ щхьэхьыу дэнэ ужэрэ, Псэбыдэ?
Уи шыжьым и лъэр мывэ къуршхэм щ1ах.
Ихъухьыпэну ухуэмеймэ уи гур мывэ быдэ,
Адииху уи лъэгъуныгъэр щомыущэху…
Л1эныгъэм щхьэк1э махуэ къэси игъуэщ,
Ар щхьэк1э упсэуну нэхъри нэхъ игъуэжщ,
Щхьэхуиту упсэуныр икъук1э л1ыгъэщ,
Псэхуиту упсэуныр – нэхъри нэхъ л1ыгъэжщ.
Щ1ы ф1ыц1эм и ф1ыц1агъыр щхьэнтэ гъурми,
Псэ закъуэм и п1эщхьэгъыр нэхъри нэхъ гъурыжщ.
Щхьэзакъуэныгъэр къызэрапщыр и тк1иягъмэ,
Ф1ылъагъуныгъэр зэралытэр и лъэгагъщ.
Гурыщ1э щэхур мы1уэтамэ псэм и мыгъуэщ,
Уи лъагъуныгъэр бгъэлъэгъуэну мыемык1у,
Быущэхуфамэ уи гум илъыр, зык1э, л1ыгъэщ,
Бы1уэтэфэмэ ар – ар л1ыгъэм и гущ1ы1ущ!
Къик1э фадэр, ныбжьэгъу!
Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!
Шыжьыр жьыгъэм игъэшми,
Шыбзым нэф1к1э хуоплъэк1.
Ныбжьыр йок1,
Ауэ псэм и щ1алэгъуэр имык1.
Къик1э фадэр, ныбжьэгъу!
Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!
Къэдгъэгъэ1у уэрэджьу,
Жьы жъгъырур ирежьу,
Нэхур щыху,
Гуауэ гуащ1эр гъущ1ыху!
Къик1э фадэр, ныбжъэгъу!
Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!
Бжьэм къигъахъуэ фадэжь.
Гъуар ф1эк1а мыгъэгъэж,
Л1ар мыгъыж,
Гъын зыух – мэгуф1эж.
Къик1э фадэр, ныбжъэгъу!
Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!
Дыгъэр ди псэу къытхуопс,
Псынэм ди 1ур елъэс.
Хъуар блэк1ащ,
Къытпэщылъыр къэк1уэнщ,
Къик1э фадэр, ныбжьэгъу.
Насып хэт хуэмейр?
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэу дунейм сытету,
Си хэкур си лъахэу,
Си жьэгур си хьэкуу,
Си напэр си нэк1уу…
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэ дунейм сытету,
Пщэджыжьыр уэсэпсу,
Си махуэр дыгэпсу,
Си жэщыр вагъуэпсэу…
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэу дунейм сытету,
Си лъэпкъыр хэкупсэу,
Си быныр анэпсэу,
Анэбзэри я псэу…
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэу дунейм сытету,
Адыгэу дунейм сехыжу…
Сыкъытехьэжмэ дунейм зэгуэрым —
Адыгэ сыхъужу аргуэру!
Лъэмб
Уэс къабзэ къесам сэ
Лъэмб лъагъуэ хызошри,
Лъэмакъ кысщ1э1ук1ым
Къысф1ощ1 си1уэтэж.
Джэ макъыр 1ущащэу
Тэмакъым къо1ук1ри,
Жьы щ1ы1эр хуэмыхьу,
1у бахъэу мэтк1уж.
1ухуд сы1уплъащи,
Си гъащ1э блэк1ар сэ
Къысф1ощ1 жей пычыгъуэу —
Дунейр сыф1эчэнжщ.
Зэхэпхрэ, си Тхьэшхуэ?
Дуней уи 1энэшхуэм
Тызолъхьэ дыхьэшхыр —
Гушы1эм дызошхыр!
Щ1эдэ1ук1ыт
1
Щ1эдэ1ук1ыт:
Я1урылъщ адыгэбзэр жыг тхьэмпэхэм,
Мэуэршэр адыгэбзэк1э псынэхэр,
Мэбзэрабзэ гъэгъар адыгэбзэк1э,
Адыгэбзэк1э бзухэм уэрэдыр къыращ…
Я1урылъщ адыгэбзэр уэшх тк1уэпсхэм,
Мэуэршэр адыгэбзэк1э вагъуэхэр,
Псыкъелъэр къоп1энк1 адыгэбзэк1э,
Адыгэбзэк1э жьыбгъэм макъамэр къырещ…
Ахэр бзагуэ фымыщ1.
2
Щ1эдэ1ук1ыт:
Адыгэбзэк1э шыблэр къогъуагъуэри уэгум
Адыгэбзэр ягъаджэ къуршыжьхэм зэщыджу —
Хэку ибэр лъэпкъ ибэм зэщыджэурэ йоджэ,
Унагъуэ хъужыну и бынхэр хуреджэ!
Сэмбыр 1уащхьэ
Сэмбыр 1уащхьэм
Уд гуп щхъуэхьхэм
Зы ц1э гуэрэ щра1уащ.
Жэщ вынд щэхум
Жыг щиху къуэпсыр
Си щхьэгъубжэм къеу1уащ.
Уд гуп къафэм
Пщащэ дахэ,
Зыгуэр пэплъэу, къахэжащ.
Уафэ лъагэм
Нап1эзып1эм
Вагъуэ нэпсыр къыщ1эжащ.
Я зэхэплъэр
Яухауэ,
Я деж удхэр мэлъэтэж.
Пщащэр 1уащхьэм
Къытенауэ,
Гу хьэхуахэр елъытэж.
Мазэ напэм
Соплъэр гъуджэу,
Сэ сыхъуащи жэщмыжей.
Си псэ к1уасэм
Сык1элъыджэу,
Сэмбыр 1уащхьэм сыдожей.
Адыгэр зыхуэдэр
И макъыр жыг тхьэмпэщ адыгэм,
И дамэр лъэгап1эщ адыгэм,
И напэр дыгъап1эщ адыгэм,
Гуэпагъэр и щхьэнтэщ адыгэм.
И жьауэр жыг хадэщ адыгэм,
И псалъэр къурш мывэщ адыгэм,
И гущ1эр быдап1эщ адыгэм,
Гурыщ1эр и уанэщ адыгэм.
И нэпсыр къум псынэщ адыгэм,
И л1ыгъэр мылыджэщ адыгэм,
Бэшэчыгъэр и нат1эщ адыгэм,
Ц1ыхугъэр и лъахъэщ адыгэм.
И хэкур и плъап1эщ адыгэм,
Щ1ы хамэр и л1ап1эщ адыгэм,
И хэкур и узщи адыгэм,
И узыр и хущхъуэщ адыгэм!
Пэплъэ
Сэрейм щ1эмыхуэжу гуащэр
Гъуэгум тоувэри маплъэ,
Жыжьэр къыпоплъэ гуащ1эу,
Нэхэр ирещ1ыр нэщ1ым.
Гуащэм иужьу хьэжьыр,
И бгъум мэт1ысри мэжыр.
Мылу гъэжа гузавэр
Т1уми зэдагъэныщк1ур.
Дыгъэр къухьэжмэ, гуащэр
Хуэму щ1охьэж унэ нэщ1ым.
Зэман лъэужьыншэм гъущ1эу,
Бамп1ейм иресык1ыр гущ1эр.
Жэщ псом езэша гуащэр,
Пщэджыжьым 1урехри мащ1эу,
Пщ1ыхьэп1эу елъагъур зэжъэр…
Нэхулъэр хуэлъыфэу мэжыр,
Гъунапкъэм къухьэж мазэр
Мэкъугъри егъей хьэжьым.
Шэ ф1ыц1э
Нэхулъэ бзухэм уэрэд къыщырашк1э,
Бзэрабзэу дыгъэр къыкъуэк1т, гущэ, уей!
Конец ознакомительного фрагмента.
Текст предоставлен ООО «ЛитРес».
Прочитайте эту книгу целиком, купив полную легальную версию на ЛитРес.
Читать дальшеИнтервал:
Закладка: